Армэ Къэбэрдей шууейхэр Ислъэмей щ1алэхэм дырагъэблагъат къуажэм и 1эгъуэблагъуэхэм зы зек1уэ къыщызэдэтщ1ыну. Хуабжьу хьэщ1агъэ къыдахащ. Я зэхэтык1эр дахэщ, жылэм пщ1э-нэмыс, хабзэ, унафэ зэрыдэлъыр къагъэлъагъуащ. Хьэщ1э к1уап1эрэ выжь ук1ып1эу щырырет иджыри илъэс минк1э Ислъэмейр. Жылэ махуэ Тхьэм ищ1!
9 фев 2021