Хэт Адыгэщ,
Хэт Черкесщ.
Ину тхауэ
Яlыгъщ,мес.
Хэт и къуажэм
Быдэу дэсщ.
Хэт и къалэ
Унэм щlэсщ.
Хэкурысщ,
Иджи Хэхэсщ.
Хэт Адыгэщ,
Хэт Черкесщ.
Хуэмыху узыр
Хуому хуаху.
Дызыхуахум
Дыхуэмей.
Мор дыдейкъым,
Мыр дыдейщ.
Мор унэцlэщ,
Мыр цlэлейщ.
Мори-Мыри
Къыдахьэх.
Зэуэ! Псори!
Умыщхьэх!
Узыхуэджэр,
Зыхызох.
Лъэуджыджэ
Хэдэ Хэх.
Уи къуэладжэм
Лыхэр дэзщ.
Ауэ адкlэ
Дызэрызщ.
Зыр Адыгэщ,
Зыр Черкесщ.
Ину тхауэ
Яlыгъщ,мес.
24 окт 2021